Лъэпкъ Зэгуэтхэр
From Wikipedia, the free encyclopedia
Лъэпкъ Зэгуэтхэр (ЛъЗ) е Дунае Лъэпкъ Организацие — дунейпсо лъэпкъхэм я организациэ, дунейр хъумэным шъхьакӀэ теухуауэ, къэралхэр нэхъ зэрӀыгъыным, зэгуэтыным пылъу.
Quick Facts
Лъэпкъ Зэгуэтхэр Организация Объединённых Наций United Nations Nations Unies Naciones Unidas 联合国 الأمم المتحد | |
Нып |
Дэмыгъэ |
Лъэпкъыгъуэм и типыр | Дунейпсо лъэпкъыгъуэ |
ЗэхуэсыпӀэр | Ниу Йорк, АШЗ |
Хэтхэр | Къэрал 192 |
Нэхъышъхьэ тхьэмадэ | Антониу Гуттериш |
Нэхъ. Асс. и тхьэмадэ | Абдулла Шахид |
Лэжьыгъэбзэр | Инджылыбзэ, хьэрыпыбзэ, эспаныбзэ, хъутеибзэ, урысыбзэ, фрэнджыбзэ |
Щыхалъхьар | 1945 жэпуэгъуэм и 24 |
Close
И лэжьыгъэмрэ зыпылъымрэ зэфӀэзгъувахэр ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр ( ЕДЗ ) щекӀуэкӀым, антихьитлер коалициэм шъхьэщытахэм. ЦӀэ «Лъэпкъ Зэгуэтхэр» япэреуэ щытраӀуар Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Декларациэм 1 щӀышылэм 1942 гъэм Ӏапэ здыкӀадзам
ЛъЗ-м и Хабзэр къэщыдэкӀауэ арэзыуэ щалъытар Сан-Франциско зэхуэсым, мэлыжьыхьым къыщыкӀэдзауэ мэкъуауэгъуэм нэгъуэнэ щекӀуэкӀам 1945 гъэм, а гъэми Ӏапэ щыкӀадза 26 мэкъуауэгъуэм, къэрал 51 я щыщ нэхъышъхьа-къыхагъэкӀахэм. Махуэ Хабзэм лэжьэн щыкӀидзар ( 24 дэпуэгъуэ ) Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Маху къалъытэ.